ШыкIэпшынэ бзэпс 16-м и лъэтеувэ/Япэ Iыхьэ.
Еуазхэ Зубер зэрыцIыкIу лъандэрэ адыгэм и кIулътIурэм хэтщ. Ар шыкIэпшынауэщ, шыкIэпшынащIэщ, къэхутакIуэщ. Зубер шыкIэпшынэр егъэфIэкIуэным пылъщ. Абы бзиплI, бзитху, бзих зытелъ шыкIэпшынэхэр ещI. Еуазыр абы аткIэ Iэбэри бзэпс 16 зытелъ шыкIэпшынэ къигъэщIащ. Мы нэтыныр пшынэщIэ лъэтеувэм и япэ Iыхьэщ.