Адыгэ уэрэд | Иуан Владимир - Фӏылъагъуныгъэ щымыӏатэм (псалъэхэр щӏэтхауэ)
ТЕКСТ:
И лъабжьэр щӏылъэм хэмытамэ, мо жыгыр сытым щӏиӏыгъэнт?
Дыгъэшхуэр уэгум имытамэ, гуфӏэу ар сытым хуэгъэгъэнт?
Фӏылъагъуныгъэр щымыӏамэ,
Мы дунеишхуэр мыгъэгъэнт,
Ар цӏыхухэм я гум имылъамэ,
Цӏыху насыпыфӏи щымыӏэнт.
Жьапщэр къыкъуэурэ къыхитхъамэ, и къуэпсыр щӏылъэм хэкӏуэдэнт.
Е ар гу бампӏэм зэгуитхъамэ, и щхьэкӏэр гъатхэм мыгугъэнт.
Фӏылъагъуныгъэр щымыӏамэ,
Мы дунеишхуэр мыгъэгъэнт,
Ар цӏыхухэм я гум имылъамэ,
Цӏыху насыпыфӏи щымыӏэнт.
Уи лъагъуныгъэр мы си гущӏэм дыгъэу сыт щыгъуи щхьэщытам,
Къыпэлъэщынтэкъым си гъащӏэм борэни жьапщи зэхэтам.
Фӏылъагъуныгъэр щымыӏамэ,
Мы дунеишхуэр мыгъэгъэнт,
Ар цӏыхухэм я гум имылъамэ,
Цӏыху насыпыфӏи щымыӏэнт.
адыгские-песни/ф/фӏылъагъуныгъэ-щымыӏатэм
#ф1ылъагъуныгъэр #фiылъагъуныгъэр #фLылъагъуныгъэр #щымы1амэ #щымыiамэ #щымыLамэ #ф1ылъагъуныгъэ #фiылъагъуныгъэ #фLылъагъуныгъэ #щымы1атэм #щымыiатэм #щымыLатэм