“Кхъужьей къудамэ“ - адыгэ фильм (Короткометражный фильм на кабардинском языке)

Къудамэ… Жыгым я нэхъ лъагэр уэрыншамэ, пкъо къудейщ. Сыту лIэужьыгъуэ куэду фызэхэт: лантIи-къыпхуэмыгъэши, быди-махи, цIыкIуи-ини, гъуми-псыгъуи, лъаги-лъахъши, захуи-Iуши, джафи-банэзащIи, пхъаши-щаби… Ауэ дэтхэнэ къудамэми, мыхьэнэ яIэщ! ЦIыкIуи-ини псори зыщ! Лъэпкъри жыгым хуэдэщ – бзэ, тхыдэ, хабзэ, псэукIэ, дунейплъыкIэ, щэнхабзэ, гъуазджэ къудамэхэр иIэу. «Дэтхэнэри «а къудамэхэр дымыгъэгъужу, нэхъ быдэ зэрытщIэным, нэхъ дахэу зэрыгъагъэным, пхъэщхьэмыщхьэ нэхъыбэ къызэрыпыкIэнум» дытелэжьэн хуейщ.
Back to Top