Адыгэ уэрэд | Залим Наков @Nak.Z - Дадэ и уэрэд (псалъэхэр щӏэтхауэ)

Псалъэхэр Иуан Владимир итхащ. Уэрэдыфэр Иуан Бетӏал итхащ. ТЕКСТ: Блэкӏа зэманым сыкъигъэшри, Щай фӏыцӏэжьыу сыхыфӏидзэжащ. Дзэ зытӏущыр мащӏэу зэрызгъэшхыу, Си куэбжэпэм сыкъыхуэнэжа. Си дадэ башыр зыщӏэзгъэкъуауэ, Блэкӏа ди гъащӏэр зэӏызопщӏыкӏыж. Си пыӏэ къуацэр къескъухауэ, Сигу къызогъэкӏыж. Си щӏалэгъуэр псынщӏэ дыдэу блэкӏри, Напӏэзыпӏэм жьыгъэм сипхъуэтащ. Гъащӏэ дахэр щӏэхыу сэ исфыкӏри, Гу щыгъущӏэ къумым сихутащ. Си дадэ башыр зыщӏэзгъэкъуауэ, Блэкӏа ди гъащӏэр зэӏызопщӏыкӏыж. Си пыӏэ къуацэр къескъухауэ, Сигу къызогъэкӏыж. Зэзэмызэ гукъыдэж сэ згъуэтми, Си ипкӏ-илъым зыри къимыкӏыж. Зиӏэтыныуи си гущӏэр хэтми, Силъэр жану сэ схущӏэмыкӏыж. Си дадэ башыр зыщӏэзгъэкъуауэ, Блэ
Back to Top