times square Гъатхэм и бзэ
Гъатхэм и бзэр. К1ыщокъуэ Алим
Гъатхэм и бзэр хэт зымыщIэр?
Гъыбзэм псалъи щIремылъ.
И макъамэр зэхэзыхыр,
ПIэм нэху щауэ пхухэмылъ.
Гъатхэм и бзэм къуалэбзуи,
Удзи, хади щогуфIыкI.
И уэрэдыр зэ жиIамэ,
Псэ зыIутым ягу имыкI.
Гъатхэм и бзэр бзэ IэфIыщIэщ --
Си щIэщыгъуэу нэху согъэщ.
Лъагъуныгъэм и уэрэдыр,
Гъатхэм и бзэу щIы уи фIэщ.
Гъатхэр гуфIэу къыIуплъамэ,
ЩIылъэ щхъуантIэр мэхъур псэф.
Зэнэ-зэпсэу фыпсэунум,
Гъатхэм и бзэр зэвгъэщIэф.